Circassian tamga

Up next

⋰Ẍ⋱☆☆☆☆☆☆ Адыгэ ☆☆☆☆☆☆ ⋰Ẍ⋱ Sabiy gibze-Kul Fatima-Сабий гъыбзэ — Къул Фатlимэ-адыгэ орэд

3 Views· 06/21/24
Doughouz
Doughouz
Subscribers
0

⋰Ẍ⋱☆☆☆☆☆☆ Адыгэ ☆☆☆☆☆☆ ⋰Ẍ⋱
Sabiy gibze-Kul Fatima-Сабий гъыбзэ — Къул Фатlимэ-адыгэ орэд
Сиlакъым анэ гумащlэ
Си щхьэфэм lэ къыдилъэну,
Сиlами адэ сымыщlэ
И лlыгъэм сырипагэну.
Псоми къызжаlэт си анэм
Сыцlыкlуу сыхыфlидзауэ,
Зеиншэ хъуахэр щапlыжым
Сыриту зигъэпщкlужауэ.
Ежьу:
Ей, мамэ-мамэ,
Къедаlуэт мы сэ си гъыбзэм.
Сыткlэ сыкъуаншэ, къызжеlэ,
Анэбгъэм уэ сыкъыщlэпчу,
Уи гущхьэр къызэгуэмычу
Плъэкlащи сыхыфlэбдзэну,
Ар дауэ си гум техуэну?
Къыспэплъэр хэт къызжиlэну?
Си гуауэр хэт хуэсlуэтэну?
Анэкlэ хъуну-тlэ уеджэ
Бын хыфlэзыдзэм апхуэду,
Гуlэгъуэ нэпсым къыхину
Ежьэжу и гум къыхуидэу?
Гъыринэ сэ къысфlащауэ
Цlыху псори къысщыдыхьэшхыу,
Тхьэ яlуэт сэ сфlэмыкlауэ
Хэт фlадыгъуари, кlуэдари.
Ежьу
Зыгуэрым игу къысщlэгъуамэ,
Сыщыгъкlэ къысщхьэщыжамэ,
Си щхьэфэм lэ къыдилъамэ
Зесщэкlырт къысфlэщlу си анэ.
Уэ пщlэуэ пlэрэ, си анэ,
Сэ нэпсым ситхьэлэжами,
Е си адэ — си анэм фи бампlэм
Силlыкlыу сыщlалъхьэжами?
Ежьу

Show more

 0 Comments sort   Sort By


Up next